Unknown Artist
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ (My Mother Tongue, My Circassian Language)
[Intro]
Уи бзэр бзууэ ӏэщӏэкӏамэ
Кӏэлъылъати къэпхъуэтэж
Ар уи щӏэблэм ӏурыпчамэ
Къатӏи мащэ итӏысхьэж

[Chorus]
Къэтӏысыт сибгъукӏэ, си анэ дыщэ
Гущэкъу уэрэдкӏэ къызэӏущащэ
Сэ псэуэ сиӏэр, ар си анэбзэщ
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ

[Verse 1]
Пщэдджыжь нэхулъэм вагъуэр полъэлъри
Къуалэбзуубзэр мэхъур пшынэбзэ
Бзум я бзэ дахэр сфӏощӏ си анэбзэ
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэ

[Chorus]
Къэтӏысыт сибгъукӏэ, си анэ дыщэ
Гущэкъу уэрэдкӏэ къызэӏущащэ
Сэ псэуэ сиӏэр, ар си анэбзэщ
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ

[Verse 2]
Жыгей мэзыжьу жьым къигъэушым
Ныдэуэршэру псынэр мэушэ
Псынэ ӏущащэр сфӏощӏ си анэбзэ
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ
[Chorus]
Къэтӏысыт сибгъукӏэ, си анэ дыщэ
Гущэкъу уэрэдкӏэ къызэӏущащэ
Сэ псэуэ сиӏэр, ар си анэбзэщ
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ

[Verse 3]
Гъатхэ накъыгъэм щӏыр игъэпсалъэу
Ӏурхэр бэвыгъэу къызэрыпъалъэм
Щӏылъэм ӏурылъыр сфӏощӏ си анэбзэ
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ

[Chorus]
Къэтӏысыт сибгъукӏэ, си анэ дыщэ
Гущэкъу уэрэдкӏэ къызэӏущащэ
Сэ псэуэ сиӏэр, ар си анэбзэщ
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ

[Outro]
Сэ псэуэ сиӏэр, ар си анэбзэщ
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ
Сэ псэуэ сиӏэр, ар си анэбзэщ
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ